Тест лэжьыгъэхэр 7 класс
1.Глаголым зэману и1эщ:
А.2
Б.3
В.4
Г.5
2.Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр:
А.дополненэ, определенэ
Б.подлежащэ, сказуемэ
В.обстоятельствэ, синтаксис
Г.префикс, глагол
3.Къэ1уэтэныгъэм и мурад елъытауэ псалъэухахэр гупищу зэщхьэщок1:
А.подлежащэ, сказуемэ, глагол.
Б.зэра1уатэ, зэрыупщ1э, хуэзыгъэуш
В.зэхэлъ, зэхэт, къызэрык1уэ.
4.Пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм ф1эк1а зыхэмыт псалъэухар – ар:
А.убгъуащ
Б.мыубгъуащ
В.зэхэлъщ
5.Дополненэр нэхъыбэрэ къок1уэ (псалъэухам):
А.плъыфэц1эу
Б.щы1эц1эу
В.глаголу
6.Пщ1ащэ гъуэжьхэр къыпоху. Мы псалъэухам щы – определенэщ:
А.пщ1ащэр
Б.гъуэжьхэр
В.къыпохур
7.Адыгэбзэ склоненэр 2 гуэшащ. Ар —
А.убгъуа/мыубгъуа
Б.белджылы/мыбелджылы
В.уней/зэдай
8.К1эуххэу – р, — м, -мк1э, -рауэ – хэр зыпыувэр сыт хуэдэ склоненэм ит псалъэхэрара?
А.мыбелджылы
Б.белджылы
В.зэдай
9.Предметым и щытык1э, плъыфэ, зыщыщыр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ лъэпкъыгъуэщ
А.щы1эц1эр
Б.глаголыр
В.плъыфэц1эр
Г.бжыгъэц1эр
10.Зи къэпсэлъык1эк1э зэтемыхуэ, ауэ зи мыхьэнэ нэхъыщхьэр зэтехуэ псалъэхэмйоджэ:
А.омонимк1э
Б.синонимк1э
Вантонимк1э
11.Мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэхэм йоджэ:
А.омонимк1э
Б.антонимк1э
В.синонимк1э
12.Куэд бжыгъэр къигъэлъагъуэу псалъэм хоувэр:
А.– къэ- префикс.
Б.–хэ- суффикс
В.– гъэ- суффикс
13.Плъыжьыфэ, щабабзэ, 1эф1ы1уэ. Мы псалъэхэр къэхъуащ мыпхуэдэ схемэк1э:
А.∩+^
Б. ∩+∩
В. ^+∩
14. Щы1эщ щы1эц1э унейрэ…
А. мыубгъуарэ
Б. зэдайрэ
В.убгъуарэ
15.Къардэн,Мурат, Маритэ, Налшык. Мы псалъэхэр:
А.зэдайщ
Б.зэгуэгъущ
В.унейщ
16.Ц1ыхухэрзэрызэгуры1уэ, ахэр зэгупсысхэмрэ зыхащ1эхэмрэ зэрызэхуа1уатэ 1эмэпсымэм(1эмалым) йоджэ:
А.синонимк1э
Б.бзэк1э
В.деепричастиек1э
Г.омонимк1э
17.Бзэм и 1эмалхэр къагъэсэбэпу ирагъэк1уэк1 къэ1уэтэныгъэм йоджэ:
А.бзэк1э
Б.тхылък1э
В.речк1э
Г.псалъэк1э
18.Зэдай зы лъабжьэ зи1э псалъэхэм йоджэ:
А.омонимк1э
Б.зэлъэпкъэгъук1э
В.зэлъабжьэгъук1э
Г.зэгуэгъук1э
19.Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр мэхъу:
А.6
Б.10
В.2
Г.8
20.Адыгэбзэм падежу и1эщ:
А.2
Б.4
В.3
Г.6
21.Хэт? Сыт? упщ1эхэм жэуап хуэхъуу, предметыр къигъэлъагъуэу къак1уэр:
А.плъыфэц1эрщ
Б.щы1эц1эрщ
В.глаголырщ
Г.наречиерщ
22.Ит зэманым ет1уанэ щхьэм итщ:
А.сошхэ
Б.уошхэ
В.шхэнущ
Г.ишхащ