К 105-летию со днярождения А.П.Кешокова
«Адыгэ уафэ, адыгэ щ1ылъэ…»
Дудуева Ф.А.
Баксан, 2019г.
Дэ зэрытщ1эщи, мы дунейм зы лъэпкъитеткъым талант зыбгъэдэмылърэ пщ1э зыхуэмыфащэрэ . Зы лъэпкъыбзи щы1экъымузыхуей гупсысэр кърип1уатэ мыхьуну. Нэхъыщхьэр — лъэпкъымрэ абы и бзэмрэ язэф1эк1 псор зыгъэнэхуэфын ц1ыху уардэ къэхъунырщ. Ди лъэпкъми къыхэк1ащф1ыщ1эрэ щ1ыхьк1э зи ц1эр жыжьэ нэ1уса ц1ыху лъэрызехьэ куэд. Абыхэм яхэтащзауэл1 хахуэхэмрэ дзэпщ 1эк1уэлъак1уэхэмрэ, политик 1эзэхэмрэ къэрал1уэхущ1ак1уэ щыпкъэхэмрэ, лъэпкъыр ф1ым хуэзэным щ1эбэн узэщ1ак1уэхэмрэлъэпкъыбзэм и 1эф1ыр щ1ым и гулъым хуэдэу къэзыгъазэ усак1уэхэмрэ. Абыхэм ящыщзыщ япэ дыдэу зи ц1э къра1уэ К1ыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ Алим — усак1уэ ик1ипрозаик уардэр.
Сэ ди адыгэ усак1уэхэм псом нэхърэнэхъыф1у слъагъур К1ыщокъуэ Алимщ. Хьэуэ, абы къик1ыркъым адрейхэр нэхъзгъэик1эу, ауэ Алим и усэхэм сыкъеджэ пэтми зызгъэнщ1ыркъым,зэик1сыужэгъуркъым, апхуэдизк1э ахэр дахэщи, зэгъэщ1эгъуаф1эщи. Алим и усэ сборникымяпэ дыдэ сыщеджам занщ1эу ззгъэщ1ауэ щытащ «Сык1энт нэхъ псынщ1эу», «Кхъужьейкъудамэ » усэхэр. Адрей усак1эхэм къащхьэщык1ыу , Алим и усэхэм мэкъамэ гуэрщ1эту къысф1ощ1ыр сыщеджэк1э, си псэм апхуэдэу зэхещ1э. Гъэщ1эгъуэныракъэ,гъащ1эм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми тетхыхьащ Алим. Псом хуэмыдэу и Хэку дахэмхуэгъэпса усэхэр икъук1э къехъул1ауэ къызолъытэ. Хэку зауэшхуэм теухуа иусэхэми сыкъыщеджэк1э си нэпсыр щысхуэмы1ыгъыр нэхъыбэщ, апхуэдизк1э си псэм ,си 1эпкълъэпкъ псом зэхещ1эри. Языныкъуэхэм деж согупсыс , зауэ 1энат1эм,псэзэпылъхьэп1эм, а гузэвэгъуэшхуэм хэту дауэ итха а усэхэр жызо1эри ?! Ар ищыхьэтщ Алим и псэм и къабзагъым, и жумартагъым , ц1ыхур ф1ыуэ зэрилъагъум,нэгъуэщ1ым и гуауэр езым и 1эпкълъэпкъым зэрыпхигъэк1ыфым, псэк1э зэрызэхищ1эфым.
К1ыщокъуэ Алимрэ урыс усак1уэшхуэМ.Ю. Лермонтовымрэ зы гъэм къалъхуащ, илъэсищэ ирикъу яку дэлъу . Къызэрыгуэк1ц1ыхубэм я телъхьэ, гъащ1эщ1эм,псэук1эщ1эм и бэнак1уэ лъэщ, Михаил Лермонтовыркъыщалъхуам Алим и гъэр зэрытехуэм иригушхуэрт, ар гъэ угъурлыуэ къилъытэртАлим. Лъэпкъ литературэр утыкушхуэ иришащ К1ыщокъуэм. Щ1ып1э куэдымщаригъэц1ыхуащ ди культурэр , ди хэку ц1ык1у Къэбэрдейр, гъащ1эм и пэжыр уардэуц1ыху пащхьэм изылъхьэф К1ыщокъуэр щац1ыхурт сыт хуэдэ лъахи. А ц1ыху щэджащэрдунейм и щ1ыналъэ жыжьэхэм щезыгъэц1ыхуа и усэ купщ1аф1эхэр гулъытэншэукъагъэнакъым ди композиторхэм .К1ыщокъуэм и усэ куэд дыдэм макъамэ щ1алъхьауэуэрэджы1ак1уэ ц1эры1уэхэм ягъэзащ1э.
К1ыщокъуэ Алим и япэ усэхэр 1931 гьэмдунейм къытехьащ. Абы щыгьуэ усак1уэр илъэс 17 хъуа къудейт. А зэманым дилитературэм къыхыхьащ мыпхуэдэ псалъэ: усак1уэ ныбжьыщ1э К1ыщокъуэАлим. Ауэ а псалъэхэр куэдрэ зек1уакъым. Сыту жып1эмэ, Бгы лъапэхэмдеж поэмэр къытрадза нэужь, К1ыщокъуэм и ц1эм пагъэувэу хуежьащталант зи1э псалъэхэр. Ар зэрыпэжыр на1уэ къищ1ащ Алим и япэ усэ тхылъым,1941 гьэм къыдэк1ам.
К1ыщокъуэми усыгъэ псоми набдзэгубдзаплъэу ухэплъэмэ, занщ1эу гу лъыботэ ц1ыхубэм ихьэл-щэн дахэр, и гурыгъу – гурыщ1эхэр ик1и къинэмыщ1 1уэхугъуэф1хэри 1эпэгъузэрищ1ам. Ди нобэрей псэук1эм и нэщэнэхэр нэрылъагъу ирищ1у усак1уэм и1эщгурыщ1э мык1уэдыж гуэр. Абы езы К1ыщокъуэр зэреджэр «Насыпщ». Зиузэщ1 зэпытурэнасыпыр, ар мычэму къэлъыхъуэн гурыщ1эр Алим и усыгъэхэм яхэлъ мамкъамэ нэхъыщхьэхэмящыщ зы мэхъу. Апхуэдэхэм ящыщщ «Насып», «Сык1уэнт нэхъ псынщ1эу…»,«Уузыншэм!»- сэ жызо1э » усэхэр.
Дэтхэнэзы усакIуэшхуэми хуэдэу, КIыщокъуэ Алим и мащIэкъым адыгэ лъахэм, Хэкум,цIыхугъэм, хабзэ – нэмысым, и адэжь щIыналъэм теухуа усэ купщIафIэхэр. Мисапхуэдэ усэхэм шэрыуэу щобелджылы Хэкумрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ я IуэхущIафэдахэхэр. Хэкум теухуа гурыщ1э къабзэхэр къыщы1уэта усэ нэхъыф1хэм ящыщщ «Зеичлант1э» тхыгъэр.
«Зеичлант1эу гъэшыгъуаф1э,
Си адыгэхэку.
Хэкугъэф1эну си1э закъуэ,
Си адыгэхэку.» -етх К1ыщокъуэм
Усэмкъызэрыщыгъэлъэгъуащи, гъунапкъэншэщ усак1уэм и адэ щ1ыналъэм хуи1элъагъуныгъэр. Гъэщ1эгъуэнщ «Кхъужьей къудамэ» усэм хэт, и хэку пэ1эщ1э,лирическэ л1ыхъужьым и гурыщ1эхэри:
Сызыхуэныкъуэсыт сэ щы1э-
Данэм сыхэсми,сыхэхэсщ.
Кхъужьейкъудамэ тхьэмпэ пыту
Ди хэкукъиши къысхуэгъэс.
Тхыгъэм нэ1уасэ дыхуещ1 хамэ хэкукъыщыхута ц1ыхум и гум щыщ1эм, ар щалъхуа и лъахэм къызэрыхуэпабгъэр, сыт хуэдэф1ыгъуэм хэмысми, ар хэхэсщ. Ар игу къемыуэнк1э 1эмал и1экъым хэкум пэ1эщ1эхъуа ц1ыхум. Хэкум пэ1эщ1э хъуа лирическэ л1ыхъужьым кхъужьей къудамэр и хэкуми символу къелъытэ. ХэкумхуиIэ лъагъуныгъэ иным къыдэкIуэу гурыщIэ къабзэр, лъагъуныгъэм и къарур, изэфIэкIыр, абы цIыхум дамэ къызэрытригъакIэр, зэригъэгушхуэр, нэхъ дахэ,къабзэ, щэныфIэ зэрищIыр, и лъэкIыныгъэр зэриIэтыр и усэхэмкъыщимыгъэлъэгъуауэ, тхыгъэ зыбжанэ тримыухуауэ зы усакIуи щыIэукъыщIэкIынукъым. КIыщокъуэ Алими абыхэм ящыщщ. КIыщокъуэм и усэхэмкъыщыгъэлъэгъуа лирическэ лIыхъужьыр, сытым дежи, и лъагъуныгъэм хуэпэжщ,гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ и бащэщ
Шыпхрыша гусысэк1э мы усэм игъунэгъущ « Уядэжь и унэ къэгъэзэж» тхыгъэри. Усэм къыхэщ лирическэл1ыхъужьыр и щ1алэгъуэм къигъэщ1ам ироплъэжыр, абы и нэгу къыщ1егъэхьэж ианэ-адэр, ядэжь и унэр. Псом хуэмыдэу и анэм ф1ыщ1эшхуэ хуещ1, къехьэлъэк1ыпэурэхъыбар дегъащ1э ар зэрымыпсэужымк1э.
Анэдэлъхубзэм папщ1э имыщ1энщы1этэкъым Алим. Абы дежк1э анэдэлъхубзэр ауэ зэрыпсалъэ, зэрыхэпсэук1ынзэрызэригъэпэщ 1эмэпсымэкъым, ат1э псэм и зы 1ыхьэщ, езы дыдэм и ц1эр зыгъэ1уриа бзэращ. Ауэ бзэр ар зи 1эщ1агъэм ищ1эн хуейуэ, адрейхэр абы хуэмейми хъунуаракъым: «Бзэ зимы1эр, Щ1ылъэм тетми, Хуэдэ къабзэщ Къамылъхуам.»
Сэ К1ыщокъуэм теухуауэ литературэкуэд седжащ,уеблэмэ, си анэшхуэр си гъусэу Алим и ц1эк1э къызэ1уаха музеймисыщ1этащ. Щ1эныгъэл1 усак1уэ зыкъомым абы папщ1э псалъэ дахэ куэд жа1ащ, лъэпкъыбзэкуэдк1и и тхыгъэхэр зрадзэк1ащ, хамэ къэрал щыху куэдми абы и тхыгъэхэряц1ыху, щ1аджык1. Ахэм теухуауэ седжэхук1э си гур хохъуэ, си щхьэр лъагэусо1эт. Музейм ф1элъ сурэтхэм сыщеплъам сэ хьэкъыу спхык1ащ Алим ныбжьэгъуф1куэд зэри1ар, ар куэдым ф1ыуэ къалъагъуу зэрыщытар.
К1ыщокъуэр иужьрей илъэсхэм Москващыпсэуащ. Абы икъук1э къехьэлъэк1ырт щалъхуа щ1ыналъэм зэрыпэ1эщ1эр, абы и нэкъик1ырт зэ нэхъ мыхъуми Щхьэлыкъуэ дыхьэжыну, абы и гум щызу щыбэуэну. Арауэкъыщ1эк1ынщ абы и иужьрей усэ тхылъми «Щхьэлыкъуэ» щ1ыф1ищар. Мэзыхьэ Борис игукъегъэк1ыж: «зыпищ1 щымы1эу ф1ыуэ илъагъурт Алим къыщалъхуа къуажэр. Сэсыхуэзауэ сщ1эжыркъым Щхьэлыкъуэ щытемыпсэлъыхьа. Абы щыгъуэми, и жылэжьымзэрыхуэзэшыр, илъагъуну и нэ къызэрик1ыр и макъым къыхэщ, и нэхэм къыщ1ихзэпытт.»
Щалъхуаи къуажэм, и адэ-анэр зыщ1элъ кхъэм щыщ1алъхьэжыну пасэу уэсят къэзыщ1атхак1уэшхуэм ф1элъап1э дыдэт и жылэжьыр. И лъахэрщ зыхужи1ар :
Сыжейми,си нэр зэтесхами,
Щхьэлыкъуэкъуажэр щ1этщ си нэгу.
……………………………………..
Си жьыщхьэнобэ сыпхуэусэм,
Псы 1эф1исфари сигу имык1.
Уэрэду сигум къопсэлъык1ыр,
Къуажэжьырси гум къошхыдык1.
Илъэгъужакъым К1ыщокъуэм , слъэгъужащэрэтжи1эу, и нэ къызыхуик1ар , ауэ ар и куэщ1 иралъхьэжащ и псэм пищ1 щ1ыналъэмик1и я гъусэ хъужащ «ди щхьэр зэхуэмызами, ди псэр зэхуэзэнкъэ» зыжри1а иадэ-анэм…
«Сигъащ1э мащ1эр щызухыным шы жэр сытесу среух»,- псоми гук1э тщ1э а псалъэхэр жызы1а,адыгэ литературэм и классик, Социалист Лэжьыгъэм и Л1ыхъужь,Къэбэрдей-Балъкъэрым и ц1ыхубэ усак1уэ,Урысей Федерацэмрэ КъБР-мрэ я Къэралсаугъэтхэм я лауреат К1ыщокъуэ Алим зэгуэр зэрыжи1а дыдэм хуэдэу иухащ игъащ1эр: усыгъэм и шагъдий щхьэмыгъазэм къемыпсыхыу- ажал бзаджэ къеуэл1аркъыпэмылъэщу, къалэм жанк1э лъащэу.
1эдакъэщ1эк1къулей дыдэ къигъэщ1ащ Алим. Ар сакъыу хъумэн зэрыхуейри и тхыгъэ псоризэщ1экъуэжауэ къызэрыдэгъэк1ыпхъэри гуры1уэгъуэщ. К1ыщокъуэ Алим зищ1ысыр нобэкуэдым ф1ыуэ дощ1э . Нэхъыф1ыжу къыщыт1щ1энур ди япэк1эщ. Аращ апхуэдэ ц1ыхууахътыншэхэм я нат1эр. Алим дэ куэдрэ дыхуеинщ
Пэжыр и гъуазэу, л1ыгъэ хэлъу,гуащаф1эу дунейм тетащ, лъэпкъыр зэрыгушхуэн 1эужь дахэ куэд къыщ1энащи, зэиц1ыхухэм ягу ихункъым Алим и ц1эр, псори дызэрыгушхуэ вагъуэу лъэпкъ щэнхабзэми уэгум лъагэу итынщ. Си тхыгъэр сухыну сыхуейт Алим хуэгъэзауэ стхапсалъэхэмк1э:
Адыгэ лъэпкъыр ф1ык1э дунеймтригъэ1уэну
Тхьэм къиузэдри щ1ым къытригъэхьащ Алим,
Зэ1эбэм псэ хилъхьэ зэпыту
Тетащ и гъащ1эр иухыху дунейм.
Зиф1 зымыгъэлъап1эфым — лъап1эныгъихуэмыфащэ,
Адыгэри щхьэщытхъуу армыра,
Алим, дэ нобэ уэ удогъэлъап1э,
Упсэущ адыгэри псэуху!!!